Светлана Тхагалегова Лашын минус

00:00 / 03:32
Loading
Скачать
0
1239
Тональность
0.0
+
Темп, %
0.0
+
Свойства файла: 3,2 Мб 128 кбит/с
Загружено: 16.09.12
Текст песни «Лашын»
  
Дыгулыпхъу и псэлъыхъухэр

1.

И бжьамиижьыр жьыуэ къегъаджэ,

И мэл гуартэшхуэр джабэм кlэрехуэ.

Нартхэ Амыщыжьри си псэлъыхъукъэ,

Бэрэ къыслъыхъуами, сыхуэмейкъэ!

 

2.

Дагъэр и нэкlум къыревыкl(ы)ри,

И пщэм мэл хьэпlатlэри кlэрымыкlи.

Нартхэ Амыщыжьри си псэлъыхъукъэ,

Бэрэ къыслъыхъуами, сыхуэмейкъэ!

 

3.

Мафlэр и lэгум къолыдыкlыри (или къолыдыкlыр, уой),

Зэпэлыдыкlыри и lэщlагъэщ.

Нартхэ Лъэпщ къанри си псэлъыхъукъэ,

(или Нартхэ гъукlэжьри си псэлъыхъукъэ,)

Бэрэ къыслъыхъуами, сыхуэмейкъэ!

 

4.

Пщэдджыжьым си къалэнщи узогъэпскlри,

Пщыхьэщхьэ къэскlэ хэт усхуигъэпскlын?

Нартхэ Лъэпщ къанри си псэлъыхъукъэ,

(или Нартхэ гъукlэжьри си псэлъыхъукъэ,)

Бэрэ къыслыхъуами, сыхуэмейкъэ!

 

5.

Курпыщхьэ бжьэпэ укъыщоуэри

(или Афэбгыщхьэ уохьэри, укъыщоуэ),

Джылызэ нэсыжари еблыгъуэхщ жи

(или Тlуащlэм дыхьэжари еблыгъуэхи).

Нарт Щэбэтыныкъуэри си псэлъыхъукъэ

(или Нартхэ Бэдынокъуэри си псэлъыхъукъэ),

Бэрэ укъыслъыхъуми, сыпхуэмейкъэ!

 

6.

Гъуэгыгъуащэри бадзэуэгъуэ щакlуэри зэдохьри,

Губгъуэм уит зэпытщи, сыпхуэмейкъэ.

Нарт Щэбэтыныкъуэри си псэлъыхъукъэ,

(или Нартхэ Бэдынокъуэри си псэлъыхъукъэ),

Бэрэ укъыслъыхъуми, сыпхуэмейкъэ!

 

7.

Цей lэфракlэ щэщlыр лъэпэд пхуримыкъу,

Уэ цей пхурикъуни сэ хэт езгъэджын?

Нартхэ Арыкъщауэри си псэлъыхъукъэ,

Бэрэ укъыслыхъуми, сыпхуэмейкъэ!

 

8.

Лъэбыцэжьейри си псэлъыхъукъэ

(или Тlуащlэм дэсри си псэлъыхъукъэ),

Бэрэ укъыслъыхъу щхьэкlэ, сыпхуэмейкъэ!

Шэпсыранэ жэпкъым ухэкlуадэм,

Пхъэ вакъэ шууэ дэнэ укъисхыжын?

 

9.

Афэ гъуэншэджиблыр къегъэлажьэ,

И къаугъэ лажьэми дэ димыкlи.

Нарт Ехъутэныджыжьри си псэлъыхъукъэ,

Бэрэ къыслъыхъуами, сыхуэмейкъэ!

 

10.

Шы джэмыдэжьыр хым нытырехуэ

Кхъуэ къуэлэн щийри и зэ къэхугъуэщ.

Къанж и къуэ Щауей си псэлъыхъукъэ,

Бэрэ къыслъыхъуами, сыхуэмейкъэ!

И анэр нэрыбгейщи, сезэгъынукъым!

 

11.

И Тхъуэжьей цlыкlур лъэбышэ мащlэщ,

Езы цlыкlур жырщи, lэщэхуэфlкъэ.

Нартхэ Сосрыкъуэри си псэлъыхъукъэ,

Бэрэ къыслъыхъуами сыхуэмейкъэ!

Лъэпэкlэрыхъщ, жэмыхъуэрылъхущ,

Мывэм къилъхуами, сыхуэмейкъэ

(или Фыз псэжьым къилъхуащи сыхуэмейкъэ,

или Фызым я нэхъ псэжьым къилъхуагъэххэщ).

Нартхэ Сосрыкъуэри си псэлъыхъукъэ,

Бэрэ къыслъыхъуами, сыхуэмейкъэ!

 

12.

И шы пэхушхуэр насэ-пасэщ,

Езы цlыкlур есщи, lэщэхуэфlкъэ.

Ашэм и къуэ Ашэмэзыр си псэлъыхъукъэ,

Зы шу къыслъигъэхъуми, сыдэкlуэнут!

 

13. (ответ Ашамаза)

Емыщlэхэ гуащэм уэ урипхъу кlасэт,

Удиблым я кум ущагъэсат.

Нарт щауэфlу исхэми уахуоусэ,

Бэрэ усхуэусэми, сыпхуэмейкъэ.

Уи lуданэ-мастэр зэкlэлъымакlуэщ,

Лэум и быдзыжьу ушхуэлкlыхькъэ

(или Уи жьэ къемыкlуэ къэнэжакъым)!

Хабзэншэу зекlуа жи, сыпхуэмейкъэ (может отсутствовать)!

 

14.

Тэджэлей цlыкlур, дыщэ мэlури,

Лlыгъэкlэ зыбгъэlу щхьэкlэ, улlымыхъукъэ!

Ашэм и къуэ Ашэмэзыр си псэлъыхъукъэ,

Бэрэ укъыслъыхъуми, сыпхуэмейкъэ!

 

Написал по книге Кардангушева З.П. «Адыгэ уэрэдыжьхэр» 

и книге «Нартхэр» под ред. Х. Кармокова Сохов Мурат
 
Добавлять комментарии могут только зарегистрированные пользователи.