Дахэ удз гъэгъа
Схуэгъэгъэжкъым розэу уэ уи нэк1ум
Нэкъулэнхэм си сурэт къимыщ
Си сэламри щ1ы1э щохъу уи 1эгум
Уи гумм щэхуу гуауэ къе1ущэщ
Припев:
Дахэ удз гъэгъам, япу къыхэсха
Сэ уэрэдк1э гъащ1эм ухэстхат
Ауэ сыт къэрум си псэм ухиха
Сытк1э уигу сеуа си дахэ
Хэт ус1эщ1иха си гъатхэ
Жэуапыншэу щхьэ сыкъэбгъэна
Сынопсалъэм щ1ыбк1э зыкъогъазэр
Сэтэней хуэлауэ щ1ым уоплъых
Уэ сыппоплъэр гъащ1эм щызимазэ
Уи 1уплъэгъуэ закъуэм сыщ1охъуэпс
Лъагъуныгъэм къигъэщ1ащ зы хабзэ
Гуауэ щыхъуми пэжыр имыхъуэж
Къызэтыж уэ си гур зыкъэгъази
Уи фэеплъу ар къысхуэгъэнэж